Черкесск щызэхэтащ КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым лъэпкъ политикэмкIэ, къэралкIуэцI зэпыщIэныгъэхэмкIэ, НКО-м и Iуэхухэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ j, комитетым и зэIущIэ зыубгъуа, экстремизмымрэ терроризмымрэ пэщIэтынымкIэ.
ЗэIущIэм хэтащ КъШР-м и Парламентым и депутатхэр, министерствэхэм я унафэщIхэр, республикэм и Правительствэм хэтхэр, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм щыщхэр, чристэн, муслъымэн щоджэнхэр, хабзэхъумэ органхэм я лIыкIуэхэр.
ЩIалэгъуалэм я лэжьыгъэ чристэн щоджэнхэм Къэрэшей-Шэрджээсым щрагъэкIуэкIхэм тепсэлъыхьащ Черкесск къалэм и Никольскэ соборым и щоджэн Гурин Александр. Ар зыубгъуауэ къытеувыIащ республикэм и еджапIэхэм щекIуэкI зэпсэлъэныгъэхэм, Баталпашинскэ, Сабий Сергиевскэ къеджэныгъэхэм, члисэ тхыдэмкIэ музей Никольскэ соборым щрагъэкIуэкIа зыплъыхьакIуэм, щIалэгъуалэм я социальнэ къулыкъухэм, дзэ Iуэху хэхам хэтахэм я дэIэпыкъуэгъухэм.
Къэрэшей-Шэрджэсым и чристэн екIуэлIапIэхэр щIалэгъуалэм зэрадэлажьэр зэIущIэм хэтхэм лъагэу къалъытащ.