Марьины Колодцы къуажэм и школ №7-м блыщхьэм, Урысейм и дэтхэнэ зы школми хуэдэу егъэджэныгъэр щрагъэжьащ махуэшхуэ зэхыхьэкIэ. Абы Урысей Федерацэм и Къэрал ныпыр щаIэтащ, гимныр къеуэу. Гъэ еджэгъуэщIэм и япэ дерсыр ирагъэжьащ «Разговоры о важном» темэмкIэ.
«Конфликт и способы избегания» дерсыр иригъэкIуэкIащ Тхьэм и Анэм и «Умиление» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн Пронь Алексий. Щоджэным еджакIуэхэм я гъусэу зэгурымыIуэныгъэм къытеувыIащ, ар къыщIежьэм, абы зэрызыщыпхъумэным. Ар щапхъэкIэ щIагъэбыдэжащ.
КъыкIэлъыкIуэ дерсыр къыхахащ, ныбжьыщIэхэм абы зыхагъэгъуэзэн, упщIэхэр ягъэхьэзырын папщIэ.