2025 гъэм щэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэм Суворовскэ станицэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэу Верэ, Надеждэ, Любовь, абыхэм я анэ Софие и цIэр зезыхьэ члисэм и щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман Свободскэ щIыналъэм и къэзакъ зэгухьэныгъэм и зэхуэсыр иригъэкIуэкIащ.
Атаман Зорин Алексей зэгухьэныгъэм и пащхьэм щызэхилъхьэжащ зэфIагъэкIа лэжьыгъэхэр, гъэ къакIуэ къапэщылъ Iуэхугъуэхэр иубзыхуащ, къэзакъхэм ягу къигъэкIыжащ дзэ Iуэху хэхам и зауэлIхэм ИлъэсыщIэм къапэщылъхэр зыхуэдэр.