2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 26-м Кисловодск щекIуэкIащ тхыдэ, архитектурэ фэеплъу ялъытэ синагогэр, раввиным и унэ зэрагъэпэщыжар къызэIухыным теухуа зэхыхьэ.
ЗэIущIэхэм хэтащ Урысейм и раввин нэхъыщхьэ Лазар Берл, Ставрополь крайм и губернатор Владимиров В.В., Кисловодск и Iэтащхьэ Моисеев Е.И. къалэ-зыгъэпсэхупIэм и Думэм и унафэщI Волошинэ Л.Н., Ставрополь крайм и муфтийм и къуэдзэ Бердиев Мурат.
Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ зэIущIэм хэтащ Пятигорск епархием Кисловодск щиIэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн.
Иоанн псоми ехъуэхъуащ а къэхъугъэмкIэ икIи къыхигъэщащ ди къэралым и дин зэгухьэныгъэхэм зэхущытыкIэ дахэ яку зэрыдэлъыр. Дин зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыщыIэми емылъытауэ, фIэщхъуныгъэ зэраIэм ахэр зэрешалIэр, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм яку зэгурыIуэ дэлъу заужьыфынущ. Щоджэным къыхигъэщащ Тхьэр щымыIэм гъащIи зэрыщымыIэр, синагогэр тхьэлъэIупIэ къудей мыхъуу щэнхабзэ центри хъуну, лъапIэныгъэхэр щыпхагъэкIыну захуигъэзащ.