ЕссэнтIыгу щызэхалъхьэжащ къалэм щекIуэкIа зэпеуитIым кърикIуахэр

28.11.2025
Просмотры: 327

Къалэ администрацэм щызэхалъхьэжащ «Антитеррор: Голос молодых», «Выбор в пользу жизни» зэпеуэхэм кърикIуахэр.

Зэпеуэм и мурадыр хуэунэтIауэ щытащ цIыху лъапIэныгъэхэм гулъытэ, мыхъумыщIагъэхэм гущыкI хурагъэщIыным, экстремизмымрэ терроризмымрэ щIалэгъуалэр пэIэщIэ щIыным.

Зэхыхьэм хэтащ ЕссэнтIыгу къалэм и Къэзан члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Шмылик Олег, щоджэн нэхъыщхьэм и хъуэхъур ялъэзыгъэIэсам икIи фIыщIэ хуищIащ ар къызэзыгъэпэщахэм, мыхъумыщIагъэхэм гулъытэ зэрыхуащIам папщIэ. Тхьэр къадэIэпыкъуну захуигъэзащ, щIалэгъуалэм гуэныхь ямыщIэну, гуапагъэр я гъащIэм и мыхьэнэуэ щытыну.

327