Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэкIащ студентхэмрэ властым и лIыкIуэхэмрэ я зэхуэс. Абы къыщытеувыIащ урысей зэгухьэныгъэм и псэкупсэ лъапIэныгъэхэм.
КъБКъУ-м педагогикэмрэ психологиемкIэ, физкультурно-спорт егъэджэныгъэ, социально-гуманитарнэ институтым и студентхэр зыхэтам зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ахметов Артур, Дунейпсо муслъымэн IуэхухэмкIэ унафэщI, муфтий ПщыхьэщIэ Шэфихь, Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм и клирик щоджэн Еремеев Андрей. КъищынэмыщIауэ, зэхыхьэм хэтащ университетым и унафэщIхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ.
Зэхыхьэм хэтахэр къытеувыIащ щIалэгъуалэр дэзыхьэх Iуэхугъуэхэм: фIэщхъуныгъэм щыщIэдзауэ лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр хъумэным, жылагъуэм и зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэным. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ лъэпкъхэм я зэпыщIэныгъэм, Урысейм и дин Iуэхухэм.
Щоджэн Еремеев Андрей къыхигъэщащ лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр хъумэжынымкIэ чристэн диным и мыхьэнэр зыхуэдэр. ФIэщхъуныгъэм и лъабжьэхэми къытеувыIащ ар икIи студентхэм я упщIэхэм жэуап иритащ.