2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 22-м, Тхьэм и Анэм и «Скоропослушница» тхьэнапэр щагъэлъапIэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Красный Пахарь и члисэм.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием Минераловодскэ округым щиIэ щоджэнхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Копач Иоаннрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къэзакъхэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъIэуну кIуахэр.
Литургие нэужьым зэгъусэ тхьэлъэIур ирагъэкIуэкIащ, Тхьэм и Анэр игъэлъэпIащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.