НАЛШЫК КЪАГЪЭIЭПХЪУАЩ ИОАНН ДЫЩЭ IУПЭМ И КЪАРУМ ЫЩ IЫХЬЭХЭР

22.11.2025
Просмотры: 786

2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 21-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт апостол пэлъытэ Магдалинэ Марие и цIэр зезыхьэу Налшык щыIэ соборым игъэIэпхъуащ Иоанн Дыщэ Iупэм и къарум щыщ Iыхьэхэр. Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и арэзыныгъэкIэ ар Налшык щыIэщ.

Урыс Чристэн Члисэм ар тыгъэ хуищIащ маркизэ Иммаколатэ Соларо дель Борго. ХХ лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм синьорэ Иммаколатэ Урысейм куэдрэ щыIащ икIи Члисэм нэгъуэщI хьэпшып лъапIэхэр тыгъэ хуищIащ. 2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 18-м маркизэр Римым дунейм щехыжащ и ныбжьыр илъэс 95-рэ хъууэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ а къэхъугъэмкIэ ехъуэхъуащ фIэщхъуныгъэ зиIэхэм.

 

786
Фотогалерея