ПАСТЫРЬ НЭХЪЫЩХЬЭМ ТХЬЭЛЪЭIУКIЭ ИГУ КЪИГЪЭКIЫЖАЩ ТХЬЭМ И УЭХЬИЙ МИХАИЛ

22.11.2025
Просмотры: 527

2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 21-м, Тхьэм и Уэхьий Михаил и Соборым и махуэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ КъБР-м и Солдатскэ станицэм и Михайловскэ члисэм.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием Налшык щиIэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентинрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къэзакъхэр, станицэм щыпсэухэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр.

Литургие нэужьым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ щихънагъым, члисэм и хъумакIуэр игъэлъэпIащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

 

527
Фотогалерея