XV ХЪУРОМЭ КЪЕДЖЭНЫГЪЭХЭР ЛЕРМОНТОВЭ КЪАЛЭМ ЩЕКIУЭКIАЩ

19.11.2025
Просмотры: 604

2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 18-м Лермонтовэ къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм Пятигорск епархием и XV Хъуромэ къеджэныгъэхэр щекIуэкIащ.

Мы гъэм Хъуромэ зэхуэсыр теухуауэ щытащ узэщIыныгъэм, хьэл-щэнхэм.

Пленарнэ зэIущIэм щызэхуэсащ цIыху 300-м щIигъу. Апхуэдэщ КИФЩI-м и хэгъуэгухэм егъэджэныгъэмкIэ и министерствэхэм, члисэ округхэм я благочиннэхэр, епархиехэм я унафэщIхэр, къалэмрэ муниципальнэ щIыналъэхэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и администрацэхэм я къудамэхэм я унафэщIхэр, КИФЩI-м и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я егъэджакIуэхэр.

Хъуромэ зэхуэсым хыхьэу епархием и къудамэхэм я зэхыхьэхэр зэхэтащ. Абы щыхэплъащ дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ, къулыкъу щIэным, члисэ гъащIэм ехьэлIа нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм.

Пятигорск епархием къеджэныгъэхэм хэтхэм видеонэтын яхуигъэхьащ Урыс Чристэн Члисэм дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ и унафэщI, Екатеринбургскрэ Верхотурскрэ я митрополит Евгений къыбгъэдэкIыу.

Къеджэныгъэхэм я унафэщI, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феоофилакт  зэхыхьэм хэтхэм захуигъэзащ фIэхъускIэ.. «Япэрауэ, Тхьэм мы дунейр фIыуэ илъэгъуащ, етIуанэрауэ, и лъагъуныгъэр къытхуигъэнащ, «фIыуэ фызэрылъагъу» жиIэри. Лъагъуныгъэр гурыщIэ къудейкъым, дэтхэнэ зыми дыщигъэгуфIыкIыу... Лъагъуныгъэр – ар хъуэпсапIэщ... Хьэл-щэныфIэу сыщытын хуейщ, аращ нэхъыщхьэр», - ягу къигъэкIыжащ архиепископ Феофилакт.

Зэхуэсахэм фIэхъускIэ захуигъэзащ Лермонтовэ къалэм и Iэтащхьэ Кобзевэ Еленэ, КъШР-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравченкэ Иннэ, Ставрополь крайм егъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэ Шульгинэ Иннэ, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ачемез, Ставрополь епархием и щоджэн Ганин Сергий, Георгиевскэ епархием и унафэщI щоджэн нэхъыжь Морозов Дмитрий.

Егъэджэныгъэ къеджэныгъэхэр щиухым  хьэщIэ лъапIэ, богословиемкIэ кандидат, МДА-м, МГППУ-м я доцент, Урысей гуманитарнэ къэрал университетым гуманитарнэ практикэхэмкIэ и Федеральнэ центрым и эксперт нэхъыщхьэ щоджэн нэхъыжь Великанов Павел игъэлъэгъуащ «Формирование ценностно-ориентированной среды как условие педагогического процесса» лэжьыгъэр.

Къеджэныгъэхэм хыхьэу хабзэ хъуауэ егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ ягъэлъапIэ, члисэпсо, епархие зэпеуэхэм щытекIуахэр. Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и саугъэтыр къэхьынымкIэ «За нравственный подвиг учителя», «Лучший учитель Основ Православной культуры» зэпеуэхэм пашэ щыхъуащ егъэджакIуий.

Архиерей щIыхь тхылъхэр иратащ еджакIуэ 29-м, сабий творчествэмкIэ «Красота Божьего мира» дунейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэм, Москварэ Урысей псомрэ я щихъ Тихон дунейм зэрехыжрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. Зэпеуэхэм хэтащ тхьэмахуэ, егъэджэныгъэ, художественнэ школхэм, Пятигорск епархием и гимназиехэм щыщ художник, тхакIуэ ныбжьыщIэхэр.

Зэхыхьэр и кIэм щынэблагъэм зыкъагъэлъэгъуащ Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и «Шкатулочка» театр студие Синявская Татьянэ зи художественнэ унафэщIым. Гимназием и гъэсэнхэм ягъэлъэгъуащ «Разговоры о вжном» теплъэгъуэр.

 

604
Фотогалерея