2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м Новопавловскэ къалэм Тхьэм и Анэм и Владимирскэ тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэм къэзакъхэм тхьэрыIуэ щатащ. Зэхуэсым и пэ къихуэу абы хэтахэм Христос и щэхухэм зыхагъэгъуэзащ. Члисэм и унафэщI щоджэн Переверзов Роман къэзакъхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи ехъэхъуащ Тхьэр къадэIэпыкъуну я Хэкумрэ Члисэмрэ ирагъэфIэкIуэнымкIэ.