ЩIЫНАЛЪЭ ЛЪАПIЭМ ТХЬЭ ЕЛЪЭIУНУ КIУАХЭР КЪУЛЪШЫРЫФЫМ ЩЭХУХЭМ ЗЫЩЫХАГЪЭГЪУЭЗАЩ

15.11.2025
Просмотры: 597

2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 15-м Тхьэм и Анэм и «Державная» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэм тхьэлъэIу литургиекIэ щрагъэжьащ Пятигорск епархием икIыу Ганинэ ямэ урочищэм кIуахэм. ТхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къулъшырыфым щыIэхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуа щоджэнхэмрэ я гъусэу. ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэм Христос и щэхухэм зыхагъэгъуэзащ.

ТхьэлъэIу нэужьым щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр къулъшырыфым и члисэхэм щыIащ, лъапIэныгъэхэм деж Тхьэ щелъэIуащ, заплъыхьащ.

Уралым и къалащхьэм кIуэжа нэужь, Иоанно-Предтечи кафедральнэ соборым щыIащ. 1860 гъэм ар зэрагъэнэхурэ зэхуащIакъым.

ТхьэлъэIу нэужьым Пятигорск епархием икIа гупыр сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щыIащ, IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэм зыхагъэгъуэзащ.

597
Фотогалерея