ЩIЫНАЛЪЭ ЛЪАПIЭМ ТХЬЭ ЕЛЪЭIУНУ КIУАХЭР ЩЫIАЩ АЛАПАЕВСК

14.11.2025
Просмотры: 522

Шахтэм деж, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча джыназ Елизаветэ къыздрадзыхам, 2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 14-м Алапаевскэ къалэм щекIуэкIащ Пятигорск икIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIну кIуахэм я тхьэлъэIур. Иджы а щIыпIэм деж щаухуащ цIыхухъу къулъшырыф, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэм папщIэ.

Кхъахэ хъуа Екатерининскэ члисэм щыхъума хъуащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Елисаветэ и тхьэлъэIухэр. Члисэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэр – Тхьэм и Анэм и «Скоропослушница» теплъэрщ. ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр абдеж щызэхуэсащ.

Пятигорск къикIа хьэщIэхэм музейм щыхутепсэлъыхьащ дэтхэнэ ягъэтIысауэ щытами. Музейр Напольнэ школым щыIэщ, щхьэпылъэ ящIын и пэ ахэр щаIыгъам. Апхуэдэ фIэщыгъэ зэрехьэ Алапаевск и кIэм губгъуэм ар зэритам папщIэ.

А махуэм щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр щыIащ Алапаевск и Троицкэ соборым, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчамрэ абы щIыгъуахэмрэ иужьрей гъуэгуанэм щытрагъэувэжам, ахэр щыщIалъхьэжа скпепыр.

Алапаевск Чайковский Пётр и унэ-музейми щыIащ. Пётр и щIалэгъуэм абы илъэсым щIигъу щигъэкIуат икIи нобэр къыздэсым ар ягу къагъэкIыж.

522
Фотогалерея