ТХЬЭМ И АНЭМ И ТЕПЛЪЭМ ЩЫIУЩIАЩ ЕССЭНТIЫГУ

11.11.2025
Просмотры: 885

2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 9-м Петропавловскэ комплексым ягъэIэпхъуащ Тхьэм и Анэм и «Троеручица» теплъэр.

Тхьэм и Анэм и «Троеручица» тхьэнапэр Афон Бгы ЛъапIэм и Хиландарскэ къулъшырыфым щыIэщ. 2025 гъэм Урыс Чристэн Члисэм иратащ а теплъэр, Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и арэзыныгъэкIэ Урыс Чристэн Члисэм и Iэгъуэблагъэм щагъэлъэгъуэнур, фIэщхъуныгъэ зиIэ псоми дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ папщIэ Тхьэ елъэIун папщIэ.

 ЗэIущIэм хэтащ Пятигорск епархием ЕссэнтIыгу щиIэ округым и щоджэнхэр: благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан я пашэу. Тепъэм я щхьэр хуагъэщхъащ екIуэлIапIэм кIуэхэм, зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэм, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуэхэм.

 

885
Фотогалерея