ДЕРСЫР ТРАУХУАЩ ЦIЫХУМ И ЗЭФIЭКIХЭМ

17.11.2025
Просмотры: 483

Пятигорск, Черкесск епархиемрэ Предгорнэ районым егъэджэныгъэмкIэ и администрацэм и Управленэмрэ зэдагъэзащIэ «Истоки духовности» Iуэхум хыхьэу, Суворовскэ станицэм Верэ, Надеждэ, Любовь, абыхэм я анэ Софие я цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман станицэм и школ №2-м щригъэкIуэкIащ «Разговоры о важном» дерсыр. Щоджэныр 10 Б классым щеджэхэм епсэлъащ зыужьыныгъэм, цIыхум и Iэмалхэм теухуауэ.

Апхуэдэу школымрэ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ и къудамэмрэ зэгурыIуэныгъэм Iэ традзащ.

483