ЩОДЖЭНЫР ХЭТАЩ «СТОП-РАЗВОД!» IУЭХУМ

15.11.2025
Просмотры: 477

Ставрополь крайм илъэсипщI хъуауэ щокIуэкI «Стоп, развод!» Iуэхур. Кисловодск ар щрагъэжьащ щэкIуэгъуэм и 6-м ЗАГС-м и къудамэм. Iуэхум хэтащ къудамэм и лэжьакIуэхэр, студентхэр, Никольскэ соборым и щоджэн нэхъыжь Грамацкий Андрей.

Щоджэным нэчыхьым и мыхьэнэр къагуригъэIуащ, къэралым зиужьын папщIэ унагъуэр хъумэн зэрыхуейр икIи щIалэгъуалэр къыхуриджащ зыр адрейм дэIэпыкъуну, унагъуэм зыщрихьэлIэ гугъуехьхэм пхыкIыну.

Iуэхум хыхьэу къудамэм щекIуэкIащ декоративно-прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэм я «Страна слепых мастеров» выставкэр. Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа хьэпшып псори зи нэм сэкъат иIэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIащ.

477