СТАНИЦЭМ И ЮБИЛЕЙР ТХЬЭЛЪЭIУКIЭ ЯГЪЭЛЪЭПIАЩ

10.11.2025
Просмотры: 573

Суворовскэ станицэм ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэмрэ станицэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 200 зэрырикъумрэ щагъэлъэпIащ.

Хабзэ зэрыхъуауэ махуэшхуэ тхьэлъэIу литургие нэужьым Верэ, Надеждэ, Любовь, абыхэм я анэ Софие я цIэр зезыхьэ члисэм зэгъусэ тхьэлъэIукIэ щрагъэжьащ Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм деж, блэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм зэхакъутауэ щытам.

Члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ Тхьэм и Анэм и акафистыр жиIэу. ТхьэлъэIум щызэхуэсащ къэзакъхэмрэ станицэм щыпсэухэмрэ.

Станицэм и ут нэхъыщхьэм махуэшхуэр щагъэлъэпIащ, IэпщIэлъапщIэхэм я жармыкIэ къыщызэрагъэпэщащ, къэзакъхэм я шхыныгъуэхэмкIэ зэхуэсахэр ягъэхьэщIащ.

 

573