Греческэ къажэм и Георгиевскэ члисэмрэ Марьины Колодцы къуажэм Тхьэм и Анэм и «Умиление» тхьэнапэм и члисэмрэ я унафэщI щоджэн Пронь Алексий щыIащ ЩэнхабзэмкIэ унэхэм. Щоджэныр къытеувыIащ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм, фIэщхъуныгъэм цIыху гъащIэмрэ къэралымрэ щиIэ мыхьэнэм. Зэхуэса нэужь хьэщIэм фэеплъ буклетхэр игуэшащ, зэпсэлъащ.