2025 щэкIуэгъуэм и 4-м, ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм, тхьэлъэIу литургие нэужьым Прохладнэ къалэм и Покров члисэм, «Чристэн библиотекэ» Iуэхум хыхьэу тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ.
ЕгъэджакIуэхэу Вакуленкэ Верэрэ Гевля Лилиерэ я нэIэм щIэту сабийхэм ягу къагъэкIыжащ махуэшхуэм и тхыдэр, усэ къеджащ, макъамэ ягъэзэщIащ, зэхуэсахэм ехъуэхъуащ.
Члисэм и унафэщI щоджэн Калинин Евгений фIыщIэ хуищIащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм и духовнэ узэщIыныгъэ лэжьыгъэм папщIэ.