ПАСТЫРЬ НЭХЪЫЩХЬЭР ХЭТАЩ ФЭЕПЛЪ IУЭХУМ

08.11.2025
Просмотры: 561

ЩэкIуэгъуэм и 8-м илъэс къэс ягъэлъапIэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэу зи къулыкъу зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъыр. Илъэс 11 хъуауэ «Кировский» ОМВД-м и унафэщIым и къуэдзэ Иванников Константин хэкIуэдахэм я фэеплъу жыгхэр егъэтIыс, лIыхъужьхэр щеджа школхэр хыхьэу.

2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 7-м, фэеплъ махуэм и пэ къихуэу, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Къэрал Думэм и депутат Бондаренкэ Еленэ, къалэ округым и Iэтащхьэ Новопашин Николай и гъусэу хэтащ Марьинскэ станицэм и курыт еджапIэ №5-м и фэеплъ зэхыхьэм.

 «ХэкIуэдахэм я фэеплъыр хъумэныр – абыхэм яхуэфащэ гъащIэ къэгъэщIэнырщ. Ахэр хэкIуэдащ насыпыфIэ фыхъун папщIэ», - жиIащ Пастыр нэхъыщхьэм.

ХьэщIэхэр щыIащ школ музейм икIи егъэджэныгъэ Iуэхум зыщыхагъэгъэгъуэзащ, класс къагъэщIэрэщIэжахэм. Щихънагъыр кадет ныбжьыщIэхэм яхуэгуфIащ. Къэзакъ классхэр зэрагъэпэщыж. Сабийхэм къэзакъ классхэм Iэмал щаIэщ къэзакъ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ щаджыну, чристэн щэнхабзэм и лъабжьэр.

561
Фотогалерея