УНИВЕРСИТЕТЫМ ЩЕКIУЭКIА ЗЭХЫХЬЭР МАХУЭШХУЭМ ТРАУХУАЩ

08.11.2025
Просмотры: 495

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым Пятигорск щиIэ къудамэм щекIуэкIащ «Ди зэкъуэтыныгъэрщ ди къарур» зэхыхьэр. Ар траухуащ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм. Зэхыхьэм хэтащ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм щыщхэрм, дин щхьэхуэхэм итхэм яку мамырыгъэ илъу къызэрызэдекIуэкIынум. ЗэIущIэм хэтащ Пятигорск округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Симанович Олег. ЗэIущIэм хэтахэм буклетхэр иратащ, Синод псапэ къудамэм игъэхьэзырахэр. Ар теухуащ Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и махуэмрэ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэшхуэмрэ я зэпыщIэныгъэхэм.

 

495