ЧЛИСЭМ ЗЭХЫХЬЭ ЩРАГЪЭКIУЭКIАЩ

08.11.2025
Просмотры: 639

2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 1-м Горнэ къуажэм и къэзакъ зэгухьэныгъэм и зэхуэс щызэхэтащ. Къэзакъхэм я лъэIукIэ зэхыхьэр Московская Матронэ и цIэр зезыхьэ члисэм щекIуэкIащ. УнафэщI щоджэн Дзыбэ Иоанн къэзакъхэмрэ хаха атаман Герасименкэ Романрэ фIыщIэ яхуищIащ. Щоджэным ягу къигъэкIыжащ къэзакъхэм я къулыкъу нэхъыщхьэр – КъегъэлакIуэ Христос и фIэщхъуныгъэр. Къэзакъхэм псалъэ ятащ члисэ зэгухьэныгъэм и дэIэпыкъуэгъу хъуну.

 

639