АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ: «АР ДИ ТХЫДЭМ ЩЫХЬЭТ ТОХЪУЭР»

02.11.2025
Просмотры: 642

2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 1-м Пятигорск къалэм и «Россия – моя история» музей-выставкэ комплексым къыщызэIуахащ «Голгофа Патриарха Тихона» выставкэр, блаженнэ щихъ Тихон илъэси 100 зэрырикъум траухуар.

ХьэщIэ лъапIэхэм ящыщу абы щыIащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, щоджэнхэр, ПГУ-м и профессор Каспарян Константин. Абы щыIащ Кавказ-Ищхъэрэм и таможеннэ управленэм и лэжьакIуэхэр, епархием и члисэм екIуалIэхэр.

Музейм и унафэщI Скрипник Янэ и псалъэм къыхигъэщащ: «Мы гъэлъэгъуэныгъэр ди блэкIам и тхыдэм къыдэкIуэу ар икIи фIэщхъуныгъэм и лъапIэныгъэм уезыгъэгупсысщ, Патриарх Тихон и къулыкъумрэ и гъащIэмрэ къыхэщыр».

Архиепископ Феофилакт ягу къигъэкIыжащ: «Мыр хьэпшыпхэр ауэ сытми зэхуахьэса къудейкъым, ахэр тхыдэм и щыхьэтщ, Патриарх Тихон и гъащIэм, фIэщхъуныгъэмрэ Хэкумрэ зэман гугъухэм я фэеплъыр зыщыдмыгъэгъупщэным  щыщ Iыхьэщ.

Япэ зыплъыхьыныгъэр иригъэкIуэкIащ Пятигорск къалэм щихъ Тихон и цIэр зезыхьэ и члисэм и унафэщI щоджэн Хлынов Кирилл. Зэхуэсахэм къапэплъэрт пэши 10-м зыщаплъыхьыну. Дэтхэнэми Патриархым и гъащIэм щыщ Iыхьэ къыщыгъэлъэгъуэжат.

Выставкэр щэкIуэгъуэм и кIэух пщIондэ зэхэтынущ.  

***

Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2025 гъэм жэпуэгъуэм и 9-м Москва къыщызэIуахащ «Голгофа Патриарха Тихона» мультимедие выставкэхэр. Ахэр теухуауэ щытащ щихъым зэрихьа лIыгъэхэм. 2025-2026 гъэхэм выставкэр щагъэлъэгъуэнущ Санкт-Петербург щыщIэдзауэ Владивосток нэс, Сургут щыщIэдзауэ Мэхъэчкъалэ нэс, Урысей Федерацэм и щIыналъэхэу Мелитополрэ Луганскрэ хыхьэу, «Россия — моя история» тхыдэ паркхэм.

«Голгофа патриарха Тихона» гъэлъэгъуэныгъэм теухуа тхыгъэхэм, сурэтхэм, видеонэтынхэм къыщыгъэлъэгъуэжащ щихъыр къыщалъхуам щыщIэдзауэ дунейм ехыжыху къикIуа гъуэгуанэр. Гулъытэ нэхъыбэ хуащI Патриарх къулыкъум, 1917-1925 гъэхэм ищIа къулыкъухэм.

Выставкэм папщIэ ягъэхьэзыращ мультимедие лэжьыгъэхэр – коллажхэр, компьютер графикэр, видеомэппинг, видеопроекцэр, сенсорнэ интерактивнэ экранхэр, интерактивнэ тхылъхэр, кинектхэр.

Iуэхур къызэрагъэпэщащ: щэнхабзэмкIэ Патриаршэ советым, «Россия — моя история» тхыдэ паркхэм, Чристэн Свято-Тихоновскэ гуманитарнэ университетым, «Дирекция президентских программ» АНО-м. Проектыр къыхалъхьащ икIи ягъэзащIэ щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президент фондым и дэIэпыкъуныгъэкIэ.

 

642
Фотогалерея