Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и махуэмрэ цIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэмрэ я пэ къихуэу КъБР-м и Прохладнэ къалэм и музейм Никольскэ члисэм и Тхьэмахуэ школым и егъэджакIуэ Истоминэ Людмилэ лекцэ щригъэкIуэкIащ, «Серебряный возраст» зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэмрэ Прохладнэ и колледжым и студентхэмрэ папщIэ. Абы щызэхуэсащ Бахъсэн къалэм къикIа хьэщIэхэри - курыт еджапIэхэм я еджакIуэхэр.
Людмилэ къытеувыIащ махуэшхуэр къызэрежьам, абы и мыхьэнэм. Нэхъыщхьэу тепсэлъыхьащ цIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и къарум, шынагъуэншагъэхэм. Махуэшхуэм и тхыдэм и гугъу щищIым, лекторыр къытеувыIащ нэхъыжьхэм я фIэщхъуныгъэм, Члисэм, Патриарх Ермоген цIыхубэр зэкъуэгъэувэным и IуэхукIэ зэфIигъэкIахэм, Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэмкIэ Тхьэр къазэрыдэIэпыкъуам.
Лекцэм презентацэ къыщагъэсэбэпащ икIи абы хэтахэм тыгъэ хуащIащ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа буклетыр. Презентацэмрэ буклетымрэ игъэхьэзыращ Синод псапэ къудамэм.