ЕссэнтIыгу къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щагъэлъэпIащ дзэм ираджахэм я махуэр. Дзэ комиссар Гусоев Валерэ къеджащ приказым, щIалэхэм я къулыкъур щрахьэкIкIэ я хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр къагъэлъэгъуэну ехъуэхъуащ.
ЕссэнтIыгу къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм и щоджэн Лукьянченкэ Георгий ягу къигъэкIыжащ гугъуехьхэм Тхьэр къазэрыдэIэпыкъуам и фIыщIэкIэ зэрыпхыкIар. Щоджэныр дзэм ираджахэм ехъуэхъуащ дяпэкIи Тхьэр къадэIэпыкъуну.