Кисловодск къалэм и школ №22-м бжьыхьэм дзэм къулыкъу щащIэну ираджа щIалэхэм ехъуэхъуну кIуащ къалэм и Iэтащхьэ Моисеев Евгений, къалэ-зыгъэпсэхупIэм и Думэм и унафэщI Волошиловэ Любовь, къалэм и дзэ комиссар Гусоев Евгений, щоджэн Грамацкий Андрей,Никольскэ соборым и кисловодск мэжджытым и имамыр, къалэ школхэм я еджакIуэхэр.
Дзэм ираджахэм папщIэ хъуэхъу гуапэхэр жаIащ. Андрей дзэ гъащIэм къытеувыIащ, абы и мыхьэнэр зыхуэдэм, дзэм къулыкъу щызыщIэм иIэнухэм. Щоджэным зауэлIхэм фIыщIэ яхуищIащ, къару яIэну, Хэкум къулыкъу щыхуащIэкIэ Тхьэр къадэIэпыкъуну ехъуэхъуащ.