ЩОДЖЭНЫР ЕДЖАКIУЭХЭМ ЯХУТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ ГУЭНЫХЬЫМ КЪРИКIУЭХЭМ

26.10.2025
Просмотры: 673

Пятигорск къалэм и курыт еджапIэ №21-м щоджэн Хлнов Кирилл щыIущIащ еплIанэ классым кIуэхэм.

Егъэджэныгъэ планым тету, щоджэныр еджакIуэхэм яхутепсэлыъхьащ гуэныхьым кърикIуэхэм, я адэшхуэ-анэшхуэхэу Iэдэмрэ Хьэуарэ, абыхэм я гуэныхь иджырейхэми зэратехуэм.

ИужькIэ ныбжьыщIэхэр жыджэру хэтащ абы тепсэлъыхьыным, гуэныхьым и щапхъэхэр къахьащ, чэнджэщхэм едэIуащ, щыуагъэхэм ущызыхъумэхэм.

673