2025 гъэм жэпуэгъуэм и 19-м Пятигорск епархием и ЩIалэгъуалэ центрым къыщызэIуахащ «Фотолетопись Благословенного Кавказа» сурэт гъэлъэгъуэныгъэр. 2014 гъэ лъандэрэ ар къызэрагъэпэщ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ.
Мы гъэм зэпеуэм хэтащ цIыху 13. Абыхэм лэжьыгъэ 33-рэ утыку кърахьащ.
Сурэт гъэлъэгъуэныгъэр унэтIыныгъищу зэщхьэщахащ:
• «Члисэ-сымаджэщ» (социальнэ Iуэхухэр къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр: волонтер дэIэпыкъуныгъэр, зауэлIхэм я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ дэIэпыкъуныгъэр къыщыгъэлъэгъуахэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм зэрызыщIагъакъуэр, щIыунэ шэху уэздыгъэхэр зэрагъэхьэзырыр къызэрыщхэр, гуманитаррнэ псапэ Iуэхухэр)..
• «МамырыгъэмкIэ Тхьэм делъэIунщ» (зауэлIхэм папщIэ зэгъусэ тхьэлъэIухэр къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр, ветеранхэм я фэеплъ зэхыхьэхэр, тхьэлъэIухэр, фэеплъхэр, дапхъэхэр щагъэувахэр къызэрыщхэр, нэгъуэщIхэри).
• «ТекIуэныгъэм и щIэинхэр» (ТекIуэныгъэ Иным теухуа сурэтхэр, Хэку зауэшхуэм теухуахэр, «Уахътыншэ полк», члисэм зауэлIхэм я унагъуэхэм щызытрагъэха сурэтхэр).
Сурэт зэпеуэр къызэрыхалъхьэрэ лауреатхэр щIыналъэ лъапIэм ягъэкIуащ, Иерусалим къалэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэгъаби хуэдэу къэхъугъэхэм Iэмал къратыркъым апхуэдэ Iуэху къызэрагъэпэщыну. Щихънагъым лауреатхэр Санкт-Петербург ягъэкIуэну унафэ ищIащ.
Псори фыдогъэблагъэ сурэт гъэлъэгъуэныгъэм. Абы къыщыгъэлъэгъуащ сурэттех Iэзэхэм я лэжьыгъэхэри, абы дихьэххэм трахахэри. Сурэтхэр къызэрыфщыхъуари къэвгъэлъэгъуэну Iэмал щыIэщ. АбыкIэ къыхахынущ лэжьыгъэхэм еплъахэм ягу нэхъ дыхьа сурэтищ.
Жэпуэгъуэм и 26-м ягъэпэжэнущ текIуахэр.