Железноводск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и пэщIэдзэ школым щоджэн Пронь Алексий щыIущIащ еплIанэ классым щеджэхэм. Ахэр тепсэлъыхьащ зэныбжьэгъугъэм. Зэхыхьэр зэпсэлъэныгъэ Iэмалым тету екIуэкIащ. Дэтхэнэми зэныбжьэгъугъэр зэрилъагъум, ар зэрыпхъумэнум къытеувыIащ. Зэхыхьэ нэужьым ныбжьыщIэхэм жаIащ ныбжьэгъугъэр гум къыбгъэдэкIыу щытын, цIыхухэм фIагъ ядэплъагъун зэрыхуейр.