2025 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл IущIащ чристэн хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я «ФIэщхъуныгъэмрэ псалъэмрэ» XI дунейпсо фестивалым хэтхэм. Урыс Члисэм и УнафэщIым жэуап иритащ зэхуэсахэр зыщIэупщIахэм. Пятигорск епархием и лIыкIуэ щоджэн нэхъыжь Самохин Михаил и упщIэр теухуауэ щытащ чристэн-муслъымэн Iуэхухэм:
- Урысейм и Следственнэ комитетым мыгувэу фыкъыщыпсэлъауэ щытащ икIи абы щыгъуэ Iэпхъуэшапхъуэм фыкъытеувыIащ, икIи языныкъуэ телеграмм-напэкIуэцIхэм муслъымэн диным итхэм фазэрителъхьэмкIэ фагъэкъуэншащ. ИлъэсипщI ипэкIэ, 2015 гъэм, ди епархием фыщыIащ, апостол пэлъытэ Магдалинэ Марие и цIэр зезыхьэ соборыр щывгъэнэхуауэ щытащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм и муфтийхэм фаIущIащ. А зэпсэлъэныгъэр гуапэу зэрыщытар сигу къинэжащ. Дауэ феплърэ Iэпхъуэшапхъуэм ехьэлIа фи Iуэху еплъыкIэр муслъымэн диным итхьэкъуахэм зэрыпащIэм, фIэщхъуныгъэ зиIэ чристэным и Iуэху еплъыкIэр муслъымэным ейм сыт къызэрыщхьэщыкIыр, къэралым щыIэ нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа языныкъуэ цIыхухэм я хьэл-щэным теухуауэ?
- Сэ куэдкIэ сыпхуэгъэкъуэншэнущ – дэтхэнэ зы цIыхуми Патриархым и лъагъукIэ, абы и псалъэ, и гупсысэ зыхэщIэкIэ иIэжщ. Ауэ муслъымэнхэм срателъхьэу сыщIэбгъэкъуэншэн щыIэкъым, сыту жыпIэмэ члисэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ къудамэм и унафэщIу сыщыткIэрэ, Урыс Члисэм и цIэкIэ муслъымэн дунейм худиIэ зэхущытыкIэр езгъэфIакIуэрт – КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и ислъам диным и цIыху пашэхэм саIущIэрт, ди къэралым а зэпыщIэныгъэхэм зыщезгъэужьу. Ар щIэсщIэр къудамэм и унафэщIым ар зэрикъалэным и закъуэтэкъым. Ар блэжьми умылэжьми хъунут, ауэ сэ зэпымыууэ зыхэсщIыкIырт дин IуэхущIапIэхэм яку зэхущытыкIэ гуапэ дэлъыным и мыхьэнэр, чристэнхэм, муслъымэнхэм яку дэлъым хуэдэу. ИкIэм и кIэжым,ар къэралым ис цIыхухэм я мамыр гъащIэм, зыужьыныгъэм и лъабжьэщ. Аращ Члисэр муслъымэн диным итхьэкъуауэ бгъэкъуаншэ щIэмыхъунур. НэгъуэщIу уеплъмэ, абы къикIыркъым нэгъуэщI диным ит цIыхухэм ялэжь щIэпхъэджащIэхэм ди нэр яхуэдуфIыцIын хуейуэ. Псэущхьэм хуэдэу зыри дымылъагъу нэпцI зытщIу абы къикIыркъым. Къаугъэ щытыкIэм къидмыгъэкIыу, муслъымэнхэм дапэщIэмыувэу, а диным и пашэхэм депсалъэу щытыкIэм зедгъэхъуэжын хуейщ, нэгъуэщI диным итхм муслъымэнхэм мыхъумыщIагъэ ирамыпэсын, а диным итхэр къаугъэрэ щIэпхъэджащIэрэ зэпымыууэ хэмыкIыу ямыгъэIун папщIэ. Апхуэдэ къэмыхъун папщIэ муслъымэн диным итхэм пэщIэныгъэ дахуиIэн хуейщ. Мы зэпсэлъэныгъэмкIэ муслъымэн дунейм и пашэхэм далъэIэсыфыну къысщохъур, яхь жэуаплыныгъэр зыхащIыкIын папщIэ. ЦIыхухэм языныкъуэ диныр хабзэр къызэпыудыным, щIэпхъэджагъэм ирапх хъунукъым. Аращ мыбдеж зыгуэрым, муслъымэным и жагъуэ тщIын щIыхуэмейр. СыкъэзыцIыхухэр абы щыхьэт техъуэфынущ. Москварэ Урысей псомрэ я Патриархыу сыщыткIэрэ чристэн, муслъымэн динхэм я иджырей зэхущытыкIэр сфIэлъапIэщи. А зэхущытыкIэхэр нэхъ гугъу пщIы, абыхэм яку хьэргъэшыргъэ дэплъхьэ хъунукъыми. Абы къикIыркъым пэж жытIэ мыхъуну, дызэрыгузавэр къэдгъэлъагъуэу. Iуэху зэIумыбзхэр зэрыщIахъумэ Iэмал хъунут ар, уэрамым дэт дэтхэнэ зыри абы щыхьэт техъуэфынущ. ДызэреплъымкIэ, Iуэху зэIумыбзхэр къэIэтын, аб и хэкIыпIэхэр къэгъуэтын хуейщ, ауэ муслъымэн диным и цIыхухэм хабзэр къыщызэпаудкIэ абы и цIыху псори щIэбгъкъуэншэн, псори апхуэдэу къыщIыщIебгъэдзын щыIэкъым. ЛIэщIыгъуэ збжанэ хъуауэ дыздопсэу, Тхьэм и фIыщIэкIэ, адэкIи дыпсэуну дыщогугъ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, жылагъуэр зэзыушт Iуэхуу ар къэбгъэсэбэп хъунукъым, псом хуэмыдэу дин зэпэщIэтыныгъэр. Iуэху зэIумыбзхэми уи нэр яхузэхуэпщIи хъунукъым, абы къэралым и шынагъуэ къыпэкIуэнкIэ хъунущи.