Железноводск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и курыт еджапIэ №1-м дерс щекIуэкIащ, унагъуэмрэ жылагъуэмрэ щаIэ хьэл-щэным теухуауэ. Щоджэн Пронь Алексий ягу къигъэкIыжащ унагъуэмрэ жылагъуэмрэ цIыхухэм щаIэн хуей хьэл-щэнхэр, цIыхухэм я дежкIэ абы и мыхьэнэр. Дерсым хыхьэу къытеувыIащ унагъуэ быдэм, фIэщхъуныгъэм. Дерсыр зэпсэлъэныгъэу яухуащ, дэтхэнэми я еплъыкIэр къыщагъэлъагъуэу, упщIи яту.