КЪШР-М И ЖЫЛАГЪУЭ ПАЛАТЭМ ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ УРЫСЕЙМ ЗИУЖЬЫНЫМКIЭ УНАГЪУЭМ И МЫХЬЭНЭМ

13.10.2025
Просмотры: 660

Къэрэшей-Шэрджэсым и  Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ «Традиционная семья как основа устойчивого развития и процветания России: проблемы и перспективы» зэIущIэр.

ЗэIущIэм хэтащ КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и депутатхэр, гъэзэщIакIуэ властым, республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, щоджэнхэм, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, юристхэр, экспертхэр, адэ-анэхэр, студентхэр. ЗэIущIэм и мурад нэхъыщхьэр – унагъуэр гъэбыдэнырщ, лъапIэныгъэхэр хъумэнырщ.

«Иджырей унагъуэр – жылагъуэм щыщ Iыхьэ къудейкъым, атIэ хьэл-щэнхэр щызэрыубыд, шыIэныгъэ, гущIэгъу цIыхум щиIэ хъу лъабжьэщ. Унагъуэрщ лъагъуныгъэм, жэуаплыныгъэм, дэIэпыкъуныгъэм зыщыхуэдгъасэр. Унагъуэм щыдэIэпыкъун хуейр иджыщ, ахэр гъэбыдэн, сабийхэр насыпыфIэ хъун хуейщ», - къыхигъэщащ КъШР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Ляшовэ Еленэ.

Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ демографие политикэм пыщIа Iуэхухэм, унагъуэхэр узэщIыным, зэгурымыIуэ къыщымыгъэхъуным.

Пятигорск епархием и Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ, «Наша дружная семья: уроки семейной медиации» проектым и унафэщI щоджэн нэхъыжь Нартов Александр къыхигъэщащ лъапIэныгъэхэм утепсэлъыхьым и мызакъуэу, унагъуэхэм нобэ уадэIэпыкъун хуейщ.

«Дэ Iуэху долэжь, унагъуэхэм уадэIэпыкъуу уеджэ хъуну. Ди мурадыр зыхуэунэтIар гугъуехьхэм пхыкIынырщ, нэхъ быдэ хъунырщ. Iуэхум хыхьэу мазищым къриубыдэу IэщIагъэлI-медиатор 45-рэ дгъэхьэзыращ, зэщхьэгъусэхэр зэгурыIуэнымкIэ щхьэпэ хъухэр. Апхуэдэ жэрдэмхэм я фIыгъэкIэ унагъуэхэр хъума мэхъу, зэхущытыкIэхэр нэхъри йофIакIуэр. Апхуэдэ программэхэм зегъэужьыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Унагъуэ быдэрщ Урысей къарууфIэм и лъабжьэр».

ЗэIущIэр щиухым абы резолюцэ къыщащтащ, унагъуэхэм зэрадэIэпыкъунум теухуауэ: ипотекэм, унагъуэ хьэрычэт Iуэхум зэрызрагъэужьынум, щIалэгъуалэр унагъуэм хуэгъэхьэзырыным, бынунагъуэшхуэхэм зегъэужьыным, нэгъуэщIхэми.

ЗэIущIэм хэтхэм быдэу къыхагъэщащ унафэщIхэм, жылагъуэм, дин лэжьакIуэхэм я къарур зэщIагъэуIуэмэ унагъуэр зэрагъэбыдэфынур, къалъху цIыхухэм я бжыгъэм зэрыхагъэхъуэфынур, Къэрэшей-Шэрджэсым, Урысейм зэрызрагъэужьыфынур.

«Наша дружная семья: уроки семейной медиации» проектыр щытекIуащ  «Чристэн жэрдэм» зэпеуэм икIи Черкесск къалэм и Покров члисэм щагъэзащIэр. Ар хуэунэтIащ унагъуэм къыщыхъу зэгурымыIуэныгъэхэм къыпекIуэкIыным, абыхэм я хэкIыпIэ къэгъуэтыным, унагъуэм и лъапIэныгъэхэр гъэбыдэным, медиацэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным. Iуэхум хыхьэу медиацэм цIыху 45-рэ хурагъэджащ.

660