2025 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м ЕссэнтIыгу къалэм щыпсэхэр ТекIуэныгъэм и паркым щызэхуэсащ, Кавказыр илъэс 82-рэ ипэкIэ щхьэхуит къэзыщIыжа лIыхъужьхэм я фэеплъыр ягу къагъэкIыжын папщIэ. Зэхыхьэм хэтащ ветеранхэр, къэзакъхэр, унафэщIхэр, щIалэгъуалэр.
Фэеплъ пэкIум хэтащ Пятигорск епархием ЕссэнтIыгу округым щиIэ благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. Щоджэныр Тхьэ елъэIуащ, зауэлIхэм я псэр зэгъэн папщIэ. Зэхыхьэм хэтахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ фэеплъым, лIыхъужьхэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ пщIэ хуащIу.