УРЫСЕЙР УМЭХЪЫН ЩАЩIА МАХУЭМ ЩЫIУЩIАЩ ПЯТИГОРСК

29.07.2025
Просмотры: 881

2025 гъэм Пятигорск щекIуэкIащ «Россия – Моя история. Херсонес» фестивалыр. Ар урысейпсо Iуэхум щыщщ, Урысейр умэхъын зэращIам теухуауэ. Зэхыхьэр къызэраигъэпэщащ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм щэнхабзэмкIэ и къудамэр и дэIэпыкъуэгъуу. Абы зэкъуигъэуващ къэралым и тхыдэ паркхэр.

ХьэщIэхэм къапэплъэрт зыплъыхьакIуэхэр, выставкэхэр, «Россия — Моя история. Херсонес» бенто-сериалым и къыдэкIыгъуэщIэр. ХьэщIэ ныбжьыщIэхэм папщIэ мастер-классхэр ягъэхьэзыращ, таурыхъ ирагъэплъащ. Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, тхьэнапэхэмрэ члисэ хьэпшыпхэмрэ я выставкэ къызэрагъэпэщащ. Къызэхуэсахэм фIэхъус ярихащ Константиновскэ станицэм щихъ Тихон и цIэр зезыхьэ и члисэм и унафэщI щоджэн Хлынов Кирилл, зэхуэсахэм ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэр яхуэзыгуэшар.

Фестивалым и фIыгъэкIэ унагъуэр тхыдэм хашащ, жьымрэ щIэмрэ зэпызыщIэ зэманым и къарум иригъэгупсысу.

881
Фотогалерея