УНАФЭЩIЫР ЕХЪУЭХЪУАЩ ДОХУТЫРХЭМ

11.06.2025
Просмотры: 534

2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 11-м ЕссэнтIыгу къалэм и сабий сымаджэщым Къэзан члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Шмылик Олег махуэшхуэ тхьэлъэIу щихъ Крымский Лукэ щхьэкIэ щригъэкIуэкIащ. ТхьэлъэIум щызэхуэсащ сымаджэщым и лэжьакIуэхэр.

Члисэм и унафэщIым ягу къигъэкIыжащ щихъым и зэфIэкIхэр, медицинэм и лэжьакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу дохутырхэм фIыщIэ яхуищIащ я лэжьыгъэхэм папщIэ икIи Тхьэр къадэIэпыкъуну захуигъазэри торт тыгъэ яхуищIащ.

534