Пятигорск къалэм Горький Максим и цIэр зезыхьэ и библиотекэ нэхъыщхьэм щекIуэкIащ «Женское лицо Победы» конференцэр. Доклад зыщIхэр къытеувыаIщ Хэку зауэшхуэ зэманым бзылъхугъэхэм зэрахьа лIыгъэм.
Ирагъэблэгъа хьэщIэхэм щыщу къэпсэлъащ щоджэн Хлынов Кирилл. Абы къыхигъэщащ совет цIыхубзхэм лIыгъэшхуэ зэрызэрахьар, дзэ Iуэху хэхам зи къуэ щыIэ анэхэм фIыщIэшхуэ яхуищIащ.