АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ И ХЪУЭХЪУР

11.03.2025
Просмотры: 423

2025 гъэм гъатхэпэм и 10-м правовой актхэм я порталым къыщыхьащ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и «О поощрении» и унафэ № 76-р. Урысей Федерацэм и Президентым дин зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и Советым и лэжьыгъэм хыхьэу УФ-м и Президентым и щIыхь тхылъыр иратащ Члисэмрэ жылагъуэмрэ, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ Синод къудамэм и унафэщI Легойдэ В. Р. Урыс Чристэн Члисэм и лIыкIуэхэм Президентым и фIыщIэ тхылъыр хуагъэфэщащ.

 «Си ныбжьэгъу Легойдэ Владимир зэрагъэлъэпIам теухуа хъыбар дахэр зэхэсхащ. Ди зэдэлэжьэныгъэр щыхьэт тохъуэ Урысейм и Президентым и гулъытэр хуэфащэу къытлъысауэ. Ар ди къэралым и Iэтащхьэми къыхигъэщащ Синод къудамэм и лэжьакIуэ зыбжанэ игъэпажэри.

Дамыгъэ лъапIэр – и зэфIэкIхэр къызэралъытэм и мызакъуэу дяпэкIи Члисэмрэ Хэкумрэ я ефIэкIуэныгъэм хэлъхьэныгъэ хуищIыну зэрыщыгугъым и щыхьэтщ. Владимир си гуапэщ сызэрыдэлажьэр. Тхьэр и лэжьыгъэхэмкIэ къыдэIэппыкъуну сыщогугъ!», - щыжиIащ архиепископ Феофилакт и хъуэхъум.

423