Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжа и щихъхэм я фэеплъыр щагъэлъапIэм, Черкесск къалэм и Никольскэ соборым и щIалэгъуалэр кIуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и Алан къалэм и пасэрей члисэхэм.
Сабийхэм яIущIащ Тхьэм и Уэхьий Илиярэ КъегъэлакIуэмрэ я цIэр зезыхьэ члисэхэм я унафэщI, Архыз Ищхъэрэ къуажэм и иеромонах Елевферий (Казаков), Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжа и щихъхэм я лIыгъэм хутепсэлъыхьар, Хэкум и тхыдэр пщIэным и мыхьэнэми къытеувыIар. Пятигорск епархием Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжа щихъ Никандр (Прусак), щихъ Феодосий и гъащIэм сабийхэм яхутепсэлыъхьащ соборым и щоджэн Гурин Александр.
Зэпсэлъэныгъэ нэужьым сабийхэр пасэрей члисэхэм, КъегъэлакIуэ Христос и теплъэм щыIащ, Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым папщIэ Тхьэ елъэIуащ, РАН-м и астрофизикэ обсерваторием щыIащ. Никольскэ соборым икIахэм зыщаплъыхьащ Кавказыр зыхъума зауэлIхэм я музей-фэеплъым. Соборым екIуалIэ щIалэгъуали 100-м нэблагъэр хэтащ Iуэхум.