2025 гъэм щIышылэм и 12-м Прохладнэ къалэм и Покров члисэм екIуалIэхэр зэрагъэпэщыжа тхьэмахуэ школым и концертым щыIащ. Члисэм и унафэщI щоджэн Калинин Евгений Христос и ХъуромэмкIэ псоми ехъуэхъуащ. ЕкIуэлIапIэм и хор Богдановэ Татьянэ зэригъакIуэм игъэзэщIащ тхьэлъэIу хъуромэ уэрэдхэмрэ колядкэхэмрэ.
Тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм ягъэлъэгъуащ : «Крошку-Ангела в сочельник Бог на землю посылал» цIыхубэ усэм къытращIыкIа теплъэгъуэр. Сабийхэм Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI IэфIыкIэхэр иратащ. КлассыщIэр саугъэт хъуащ, дерсхэр щрагъэкIуэкIынущ.