2025 гъэм щIышылэм и 2-м, щихъ Кронштадский Иоанн и фэеплъ махуэм, пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм щыIущIащ Пятигорск къалэм и курыт еджапIэ №27-м. Зыгъэпсэхугъуэ махуэхэми емылъытауэ, махуэшхуэ тхьэлъэIум щызэхуэсащ еджакIуэхэр, абыхэм я адэ-анэхэр. Махуэшхуэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ Пятигорск къалэм и Михайловскэ соборым и унафэщI щоджэн нэхъыжь Дубинский Борис. Члисэм и щоджэнхэм илъэс куэд щIауэ я нэIэ щIэтщ школыр.