ГУМАНИТАРНЭ IУЭХУМ ХЭТАХЭМ ФIЫЩIЭ ЯХУИЩIАЩ УНАФЭЩIЫМ

01.01.2025
Просмотры: 669
Настоятель благословил участников гуманитарного конвоя Настоятель благословил участников гуманитарного конвоя

ЕссэнтIыгу станицэм икIыу дзэ Iуэху хэхам ягъэшащ гуманитарнэ дэIэпыкъуныгъэ, Предгорнэ раоным и къэзакъ зэгухьэныгъэм хэтхэм зэхуахьэсауэ.

ЕссэнтIыгу къалэм и Свято-Троицкэ члисэм и унафэщI Букарев Андрей фIыщIэ яхуищIащ гуманитарнэ Iуэхум хэтхэм икIи тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ ахэр гъуэгу техьэн и пэ къихуэу. Районым и атаман Тополь Андрей, станицэм и атаман Цемэ Павелрэ Предгорнэ щIыналъэм и къэзакъ зэгухьэныгъэм и къэзакъхэмрэ.

Щоджэным гъуэгу техьэнухэм Тхьэр къадэIэпыкъуну захуигъэзащ, чристэн члисэхэм дзэ Iуэху хэхам хэтхэм папщIэ Тхьэ зэрыщыхуелъэIур, щIэх къагъэзэжыным зэрыпэлъэр къыхигъэщу. Абы автомашинэхэмрэ цIыхухэмрэ псы лъапIэм щыщ ялъигъэIэсащ.

 

669