ВЕТЕРАНХЭР СОБОРЫМ ЩАГЪЭЛЪЭПIАЩ

10.12.2024
Просмотры: 702

2024 гъэм дыгъэгъазэм и 9-м ЛIыхъужьхэм я махуэм Черкесск къалэм и Никольскэ соборым щызэхуэсащ зауэм и ветеранхэр, дзэ    Iуэху хэхам хэтахэр. ЛIыхъужьхэр ягъэлъэпIащ Черкесск къалэм и гимназие № 19-м и еджакIуэхэм.

Зауэм хэтахэм жаIащ Хэкур фIыуэ зэралъагъур икIи щIалэгъуалэр къыхураджащ абы тетыну, гугъуехьхэм пхыкIа я ныбжьэгъухэр щапхъэу къахьащ.

Гимназием и гъэсэнхэм зыщаплъыхьащ Члисэмрэ къэзакъыгъэмкIэ тхыдэ музейм дзэ Iуэху хэхам и гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахам зыщаплъыхьащ.

 

702