АРХИЕРЕЙ ХОРЫР ЩЫТЕКIУАЩ УРЫСЕЙПСО ЗЭПЕУЭМ

02.12.2024
Просмотры: 706

2024 гъэм щэкIуэгъуэм Гъуазджэмрэ щэнхабзэмкIэ Белгородскэ къэрал институтым и факультетым щекIуэкIащ академическэ хорхэмрэ къэфакIуэ ансамблхэмрэ я «Гласом моим...» урысейпсо зэпеуэ-фестивалыр.

КъызэгъэпэщакIуэхэм абы ирагъэблэгъащ музыкэ школхэм, гъуазджэхэмкIэ школхэм, музыкэ еджапIэ курытхэмрэ нэхъыщхьэхэмрэ я уэрэджыIакIуэ ансамблхэмрэ хорхэмрэ, члисэ хорхэр, нэгъуэщIхэри. Зэпеуэр зэпэIэщIэу къызэрагъэпэщащ. 

КъэпщытакIуэ гупым хэтхэм я унафэкIэ Пятигорск къалэм и Спасскэ кафедральнэ соборым и Архиерей хор регент Кубэ Аннэ зэригъакIуэм хуагъэфэщащ лауреатым и I нагъыщэр икIи щIыхь тхылъ иратащ.

706