КЪЭЗАКЪЫДЗЭХЭМ Я АТАМАНХЭР ЯПЭУ ПЯТИГОРСК ЩЫЗЭХУЭСАЩ

11.11.2024
Просмотры: 611

Пятигорск япэу щызэхуэсащ Урысейпсо къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаманхэм я правленэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэум и лIыкIуэ Чайкэ Юрэ и унафэм щIэту. Урысейм и къэзакъыдзэ 13-м я атаманхэр урысейпсо къэазкъ зэгухьэныгъэм и атаман Кузнецов Виталий я гъусэу зэхуэсащ, Iуэхугъуэ зыбжанэм тепсэлъыхьыну.

ЗэIущIэм хэтащ Пятигорск епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. Щоджэным щихънагъым фIыщIэ хуищIащ икIи Тхьэр къыдэIэпыкъуну зыхуигъэзащ.

Атаманхэм зэхалъхьэжащ я лэжьыгъэм кърикIуахэр, етIанэгъэ къапэщылъхэр. Москва щекIуэкIыну зэхуэсышхуэм тепсэлъыхьащ, ВсКО-м и грант центрым и лэжьыгъэм кърикIуахэм къытеувыIащ, къэазкъ экономикэм зэрызрагъэужьынум, къэзакъхэр зэрагъэхьэзырынум къэрал къулыкъу ирахьэкIын папщIэ, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу Ут Плъыжьым щекIуэкIыну Парадым къэзакъхэм зэрыхуагъэхьэзырынум, нэгъуэщIхэми.

 

611
Фотогалерея