СУРЭТ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭ КЪЫЗЭIУАХАЩ

04.11.2024
Просмотры: 585

2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 3-м Пятигорск епархием и ЩIалэгъуалэ центрым къыщызэIуахащ «Фотолетопись Благословенного Кавказа» сурэт гъэлъэгъуэныгъэр. Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, ар узэщIыныгъэ, псапэ мыхьэнэ иIэу 2014 гъэ лъандэрэ ирагъэкIуэкI. Мы гъэм зэпеуэм хэтащ цIыху 21-рэ, сурэти 103-рэ абы къагъэхьащ икIи абы щыщу 55-р ягъэлъагъуэ.

Сурэт гъэлъэгъуэныгъэр унэтIыныгъищ мэхъу: «Вникай в себя и в учение…» (члисэ Iуэхухэм, тхьэмахуэ школхэм я дерсхэм хыхьэ гупжьейхэм, теплъэгъуэхэм хыхьэу сабийхэм траха сурэтхэр); «Члисэм унагъуэр» (члисэ тхьэлъэIухэм, зэхыхьэхэм, зэгъусэ тхьэлъэIухэм хэт унагъуэхэм я сурэтхэр);
«Унагъуэхэм я къекIуэкIыкIар» (унагъуэ хабзэхэр къызэрыщ сурэтхэр).
 

Сурэт гъэлъэгъуэныгъэр зэрырагъажьэрэ абы пашэ щыхъухэр ЩIыналъэ ЛъапIэм, Иерусалим ягъакIуэрт. Мы гъэм ар яхузэфIэкIыркъыми, Щихънагъым къыхилъхьащ Санкт-Петербург ягъэкIуэну. Сурэт гъэлъэгъуэныгъэм зыхэвгъэгъэузэну псори фыдогъэблагъэ. Абы сурэттех Iэзэхэми къызэрыгуэкIхэми я лэжьыгъэхэр щыфлъагъунущ. Зэпеуэм пашэ щыхъухаэр щэкIуэгъуэм и 10-м ягъэлъэпIэнущ.

585
Фотогалерея