БЛАГОЧИННЭР КЪЫЩЫПСЭЛЪАЩ КЪШР-М И ЖЫЛАГЪУЭ ПАЛАТЭМ

02.11.2024
Просмотры: 608

Iуэхум тепсэлъыхьыну зэхуэсащ КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым)  и депутатхэр, къэрал унафэщIхэр, щоджэнхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, КъШР-м и Жылагъуэ палатэм хэтхэр. Спикерхэм къыхагъэщащ лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэнымкIэ, зэпэщIэтыныгъэр IэщIыб щIынымкIэ, щIалэгъуалэм дэлэжьэным теухуа Iуэхухэр Жылагъуэ палатэм, республикэм и Правительствэм, лъэпкъ-щэнхабзэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, дин IуэхущIапIэхэм зэрыдрагъэкIуэкIыр. Пятигорск епархием Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэсым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр къыхигъэщащ апхуэдэ унафэхэр лъэпкъхэмрэ къэралымрэ зэращхьэпэр, сабийхэр пасэу гъэсэн зэрыхуейр, фIыри Iейри зыхащIыкIыу. ЗэIущIэм хэтхэр тепсэлъыхьащ лъапIэныгъэхэм, тхыдэ щIэинхэм, иджырей лъапIэныгъэхэр ягъэкIуэдыну зэрыхэтым, Урысейм къыпэщылъ шынагъуэхэм зэрыпэщIэтынум.

608