АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ ЕХЪУЭХЪУАЩ КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫМ И IЭТАЩХЬЭМ

03.10.2024
Просмотры: 884

2024 гъэм жэпуэгъуэм и 3-м Налшык къалэм гуфIэгъуэ зэхыхьэ щызэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек а къулыкъум УФ-м и Президентым къыщигъэлъагъуэу КъБР-м и Парламентым и депутатхэм чэзуущIэм зэрыхахыжам къыхэкIыу.

Зэхыхьэхэм хэтащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. Щихънагъыр гуапэу ехъуэхъуащ КIуэкIуэ Казбек, унафэщIхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чристэн жылагъуэ IуэхущIапIэхэмрэ зэрызэдэлажьэр къыхигъэщащ.

ЧэзуущIэм зэрыхахыжам къегъэлъагъуэ республикэм исхэр зыужьыныгъэм и телъхьэу, УФ-м и Президентым блэкIа илъэсхэм зэфIигъэкIа лэжьыгъэхэр лъагэу къызэралъытэр.

Пастыр нэхъыщхьэр КIуэкIуэ Казбек ехъуэхъуащ зэгурыIуэрэ мамырыгъэрэ я зэхуаку дэлъыну, и адэм – Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ унафэщIу щытам иригъэжьа Iуэхухэм пищэну.

 

884