Къэзакъхэм я юбилеймкIэ ехъуэхъун папщIэ зэхуэсащ Тэрчыдзэм и къэзакъ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Пятигорск епархием и лIыкIуэу абы хэтащ къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. Щоджэным Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и хъуэхъухэр ялъигъэIэсащ икIи жиIащ къэралым мамырыгъэр дызэкъуэувэмэ зэрыщытхузэтеухуэнур.