Щ1АЛЭГЪУАЛЭ ЭКСТРЕМИЗМЫМ ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ ЗЕЛЕНЧУКСКЭ СТАНИЦЭМ

23.08.2024
Просмотры: 867

КъШР-м и Зеленчукскэ районым и администрацэм щызэ1ущ1ащ щ1ыналъэм и 1этащхьэ Шайдаров Александррэ диным и л1ык1уэхэмрэ.

Я 1уэху еплъык1эхэмк1э щызэхъуажэм, щоджэнхэр зыхэтамрэ район мэжджытым и имамхэмрэ, щ1алэгъуалэ экстремизмым теухуа еплъык1эхэм къытеувы1ащ, зи акъыл мыт1ысахэр лъэпкъ зэхэгъэж ящ1ыным къыхуезыджэхэм.

Зэ1ущ1эм хэтхэм жа1ащ щ1алэгъуалэм ядэлэжьэным щ1агъэхуэбжьэн зэрыхуейр, егъэджэныгъэ 1уэхущ1ап1эхэр, щоджэнхэр зэдэлэжьэну къыхалъхьащ, адэ-анэхэри 1уэхум къыхашэу.

Зеленчукскэ районым и егъэджэныгъэ 1уэхущ1ап1эхэм я унафэщ1хэр дызыхуэк1уэ мазэм зэхуэсыну яубзыхуащ.

 

867