2024 гъэм шыщхьэуIум и 19-м Черкесск къалэм и Никольскэ соборым и тхыдэ, къэзакъ Члисэ музейм щагъэлъэпIащ Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид фIыщIэ тхылъ зыхуигъэфэщахэр. Апхуэдэщ дзэ Iуэху хэхам дэIэпыкъуныгъэхэр хуезыгъэшахэм ящыщ, КъШР-м и Жылагъуэ палатэм и УнафэщI Ляшовэ Еленэ.
ЯгъэлъэпIахэм ящыщщ унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм я лIыкIуэхэр. Языныкъуэхэр соборым и Николинэ плIанэпэм щолажьэ, сеткэхэр ягъэхьэзыр, шэху уэздыгъэхэр, нэгъуэщIхэр ягъэхьэзыр, хущхъуэхэмрэ ерыскъыхэмрэ зэхуахьэс, генераторхэр, рацэхэр зауэлIхэм хузэхуахьэс, мамыр цIыхухэм, сабий унэхэм дэIэпыкъуныгъэхэр хуашэ.
Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, фIыщIэ тхылъхэр иратащ члисэ псапэмрэ социальнэ къулыкъухэмкIэ Пятигорск, Черкесск епархием и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Акименкэ Сергий.
Зэхыхьэр къызэригъэпэщащ КъШР-м ОНФ-м и щIыналъэ штабым и унафэщIым и къуэдзэ Жданов Геннадий, Никольскэ соборым и щоджэнхэр.
ЗэIущIэ нэужьым Никольскэ соборым и ключарь щоджэн нэхъыжь Кузнецов Сергий езыр-езыру Iуэхум къыхыхьахэм ехъуэхъуащ икIи я лIыгъэм папщIэ фIыщIэ яхуищIащ. Щоджэн нэхъыжь Акименкэ Сергий зэхуэсахэм ехъуэхъуащ.